-
1 пщащэ
девушка/ ЛIы дэмыкIуа цIыхубз; хъыджэбз.* Пщащэр щалъхуа унэм я хьэщIэщ. (погов.)пщащэ дэс см. хъыджэбз дэс. ХьэщIапIэ здэкIуам хъыджэбз дэс яIэт. -
2 къегъэкIухьын
/ КъэкIухьын псалъэм и каузатив.* А зэманым нартхэ я пщащэ дэс ину ягъэбакъуэртэкъым, псынщIэу кърагъэкIухьыртэкъым, щхьэдэхыпIэ ирагъэбакъуэртэкъым. Нарт. -
3 щхьэдэхыпIэ
1. специальное место (в заборе, плетне, оставляемое для прохода)/ Щхьэдэхын щхьэкIэ къагъанэ щIыпIэ нэхъ лъахъшэ (бжыхьым н. къ.).* А зэманым нартхэ я пщащэ дэс щхьэдэхыпIэ ирагъэбакъуэртэкъым. Нарт.2. перевал, место прохода в горах/ Бгы лъагэхэм зэрыщхьэдэх гъуэгу, лъагъуэ.ЩхьэдэхыпIэ къэгъуэтын. Къурш щхьэдэхыпIэ. -
4 плъапIэ
1. наблюдательный пункт/ Зыгуэрым щыкIэлъыплъ лъагапIэ хэха; зыплъыхьыпIэ.* Емынэжь лъагапIэ ин гуэрым плъапIэ трищIыхьауэ, плъапIэм Нарт Хэкум иридыгъукIауэ пщащэ итт, къакIуэм и шыфэлIыфэр Емынэжь хуиIуэтэжу. Нарт.2. зрелище (предмет наблюдения, обозрения)/ ГъэщIэгъуэныпIэ, яфIэгъэщIэгъуэну зэплъ.* Пэжщ, мы унэр пщы Елджэрыкъуэ щригъэщIам къуажэм дэс псоми я плъапIэу щытащ. Къ. Хь.3. переносное мечта, предмет желаний, стремлений/ ХъуэпсапIэ, гур зыхущIэкъу, зыхуэпабгъэ.* Кавказ дахэу ди Хэку лъапIэ, ПлъапIэу щыIэм я нэхъыфI... Япэу лъ. з. Зауэ гуащIэр бийм къыщIидзамэ, Антхэм псоми уэрат я плъапIэр, Зэрылъэпкъыу псэ къахэплъхьэрт. Н. Ш.ПлъапIэ емытын держать кого-л. в узде, держать в чёрном теле. ПлъапIэ имыIэжын (абы фIэкIа) быть очарованным кем-чем-л.* Хъаныкъуэм ФатIимэт цIыкIум фIэкIа плъапIэ иIэжтэкъым. Ад. таур. ПлъапIи жапIи емытын не дать пикнуть.* ИтIанэ кIэпхын цIыкIур къыпкIэраIунщи, шыуан цIыкIур къыпкIэращIэнщи, плъапIи жапIи къыуамытыжу жьэгум удадзэжынщ. Ш. А.